Джэгурыгу. Адыгэ сабий джэгухэр
Пасэрей зэманым адыгэхэм я дуней тетыкIэм къигъэщIауэ Iуэхугъуэ куэд къадекIуэкIыу щытащ. Адрей лъэпкъхэм нэхъ япыщIа хъухункIэ, дунейшхуэм лъэIэсыхункIэ а Iуэхугъуэхэм щыщ куэд IэщIэхуащ ди лъэпкъым. Псалъэм папщIэ, адыгэ сабий джэгукIэхэр. ЦIыкIухэр зэрагъэджэгуу щыта джэгукIэхэр цIыхубэм хахьэжын мурад яIэу “Нарт хэку“ щIалэгъуалэ хасэм хэтхэм я гупыжкIэ тхьэмахуэ зыбжанэкIэ бгъэзэжмэ Абхъаз утым деж “Джэгурыгу“ жыхуиIэ адыгэ сабий джэгухэр щекIуэкIауэ щытащ.
Джэгурыгу“-м къызэщIиубыдащ къафэхэмрэ пасэре