HAGAUJ (ХЬЭГЪЭУДЖ ГУП) - BRANDOO - БЫРАНДУ (official music video)

The story about BRANDOO- the knight which was betrayed by his esquire. Андзорыжь и уэрэд народная песня (из книги З.Кардангушева “Адыгэ уэрэдыжьхэр“) ТЕКСТ: Бырандури шууфlкъэ, Мафlэм хуэдэр и lэщэт. Пызыгъэщкlыр и джатэ, Пызыкъутри и шащхьэщ. Тесми уанэр шэдыбжькъэ, Чысантыжькlэ ныдокlыр. “Угъурлыжьыр“ и пщафlэт, Теуэгъуэфlи ныщикlукlэ. Андзорыжьыр йопсыхкъэ. Андзорыфlыр жейхуэлlи. Сыхьэт плlанэк1э щхьэукъуэщ. И гъусэф1ыр къощэжи. И сэшхуэфlыр къырехкъэ, И сэшхуэдзэр lуехъук1къэ И фочышхуэр къырехкъэ, Щтэр зыдэлъыр жьэдехкъэ Сагъындакъыр къырехкъэ, Сагъындакъыпэр пещlыкlкъэ. Андзорыфlыр къоушкъэ, “Накlуэ!“ жери мэшэскъэ. Теуэгъуэфlхэр ныщикlукlэ Фlыцlагъэбэр къелъагъукъэ. И фочышхуэр къырехкъэ, Щтэр зыдэлъыр lутыжкъым. Сэгъындакъыр къырехкъэ, Сэгъындакъыпэр пытыжкъым. И сэшхуэфlыр къырехкъэ, И сэшхуэдзэр lутыжкъым. Бырандури шууфlкъэ, Андзорыфlри кlуэдыжкъэ.
Back to Top