“Гъуазэрыплъэ“/“Лъапсэр“ мэпсалъэ
ФIэхъус апщий, адыгэ и бын. Дыкъебэ-дынебэми, дебэпами, адыгэр лъэпкъыу дыщыIэщ, ауэ ираудми къыдэуеижу къэгъуэгурыкIуам я ужьым ижь нобэми къытщIеху. А жьыр къыздрихумрэ дыздихумрэ зэхэтщIэу пIэрэ? Нэхъ жыжьэ дымыIэбэу Урыс-Кавказ зауэм къыщыщIэдзауэ ди нобэм къэсыху адыгэм и щхьэ кърикIуар дджыжа? Къэтпщытэжа? Хьэмэрэ хы уалэм кхъуафэжьейуэ дыкъридзэкIыу дытет къудей?
Адыгэ и бын, зыпщIэжыну, зыкъэпщIэжыну ухъуапсэмэ, КIыщокъуэ Алим и “Лъапсэ“ романыр гъуазэ пхуэщIынщ. Дэ абы зыщыдгъэгъуазэри, хэзыгъэг